Adyghe Nart Songs (1987) |  Нарт Бэтэрэз (Nart Bataraz). Fourth record: Батэрэз и адэм илъ ещIэж  (Bataraz Demands Blood-money for his Father’s Blood). Baragun Vladimir & Radio and Television Choir of Kabardino-Balkar ASSR.

Нарт эпос | Батэрэз и адэм илъ ещIэж
 
Испы гуащэр уэндэгъу хъуауэ икIыжащ. Испы гуащэр икIыжа нэужь, Хъымыщ куэдрэ псэужакъым: Пщымарыкъуэ къиукIащ.

Хъымыщ иукIауэ, Пщымарыкъуэ зэхижащ испы гуащэр зэрыуэндэгъур.

– ЩIалэ къилъхумэ, дыукIынщ: къэхъумэ, и адэм илъ ищIэжынущ,– игу ирилъхьащ Пщымарыкъуэ.

Испы гуащэм щIалэ къилъхуащ.

– Сабийм сыт и лажьэ? – ядакъым нартхэ,– Къан тщIынщи, тпIынщ: и ныбжь нэсмэ, зы шууэ къытхэувэнщ.

Сабийр испы гуащэм къаритащ. Гущэм хапхэри зы фыз бгъэдагъэуващ. Сабийр жеяуэ, фызыр псыхьэ кIуащ. Псыхьэ кIуар къэмысыж щIыкIэ, сабийр къэушащ. Зиукъуэдийри гущэ натIэр хищIыкIащ сабийм. Зыщигъазэм гущэ дзажитIыр хикъутыхьащ. КъыщызэфIэтIысхьэм выфэ гущэпсыр зэпичащ.

Сабийм и хъыбар Пщымарыкъуэ деж нэсащ.

– Ар къэбгъэхъу хъунукъым,– жери Пщымарыкъуэ сабийр иукIын мурад ищIащ.

Пщымарыкъуэ и мурадыр къыщищIэм, фызым сабийр дихащ, шыхъуэ пщыIэ щрихьэлIэм сабийр якIэщIидзащ.

Батэрэз фIащауэ шыхъуэм япIурэ, сабийр къыдэкIуэтеящ, балигъ щыхъум шы къратащ.

Шыхъуэм кърата шым шэсри, гъуэгу техьащ Батэрэз. Гъуэгу техьауэ, зы шу ирихьэлIащ.

– Дэнэ укъикIыжрэ, пщыдадэ?– еупщIащ Батэрэз шум.

– Лъэпщ и кIыщым сыкъокIыж,– къыжриIащ шум.– Хъымыщ щызукIым си джатэм и дзэр къыIуигуати, джатэр езгъэлъыжащ.

– ПщымарыкъуэкIэ зэджэр уэра?

– Сэращ,– жиIащ Пщымарыкъуэ.

– Уи джатэм себгъэплъын, пщыдадэ? – жери Батэрэз Пщымарыкъуэ бгъэдэкIуэтащ.

Джатэр къыщыжьэхэлыдэм, Батэрэз и шыр щIэбгъунлъыкIащ.

– Си шыр щощтэ – джатэ IэпщэмкIэ къэший,– жиIащ Батэрэз, Пщымарыкъуэ бгъэдэкIуэтэжри.

Пщымарыкъуэ джатэ Iэпщэр къишиящ. Джатэр иубыдри зэпиплъыхь зищIащ Батэрэз. Пщымарыкъуэ шэч ищIащ: «СызрихьэлIар Хъымыщ и къуэ Батэрэз сфIощI»,– жери.

Шэч ищIри, Пщымарыкъуэ шым елъэдэкъэуащ, джатэ гугъуи хэтыжакъым.

Батэрэз куэд иригъэкIуакъым и адэр зыукIам: щIыхьэри езым и джатэмкIэ иукIыжащ.