This song is from the epic album ‘Adyghe Nart Pshinalhexer’ («Адыгэ Нарт Пшыналъэхэр»; ‘Circassian Nart Melodies’), Melodiya, 1987. This is part of one of the epic songs on Badinokhue's heroism and exploits. It describes the appearance of the intrepid horseman.
When the exotic warrior set on his campaigns on his steed, his two hounds played by his two sides and his two eagles perched on his shoulders. The sun shone on his right shoulder and snow fell on his left. He was preceded sometimes by a great conflagration and by thick mist at others, and a multitude of rooks swarmed, or wild birds soared, in his wake. His steed sprang and spun. The coals issuing from Badinokhue’s mouth set the sides of his path on fire…
Badinokhue was the son of Badin and a Nart female warrior who fought the Chint (generic term for the enemies of the Narts) incognita in men’s war costume. Badin and his wife lived on the bank of the Don River. Whilst a Nart was being hosted by Bedin, the sound of Badinokhue crying was heard from his mother’s womb as she brought in the food table. The Nart was freaked out, and he hurried to the Narts and relayed what had transpired in Badin’s guest-house. The Narts fell into great consternation and they resolved to murder the child the moment it would be born a male. When Badinokhue came to the world, the Narts kidnapped him from his parents house, but they did not have the heart to kill him, seeing how extraordinarily handsome he was, so they placed him in a hole in a tree and left him to his fate. He was found by the Nart gooseherd, who brought him up with his wife in the cellar so that no one amongst the Narts would know about this. When Badinokhue came of age, the gooseherd went to Badinokhue’s parents and told them that their son was still alive. Badinokhue became a man in full measure. He came out of the cellar and fought the Chint, as his mother did in earlier years, and he inflicted woe unto them, and then went back to the cellar. This is but one of many tales that relate the heroism and fierceness of Nart Badinokhue, the inimical foe of the Chint. Badinokhue did not wreak his vengeance on the Narts, his people, but he pursued a somewhat aloof existence. When the exotic warrior set on his campaigns on his steed, his two hounds played by his two sides and his two eagles perched on his shoulders. The sun shone on his right shoulder and snow fell on his left. He was preceded sometimes by a great conflagration and by thick mist at others, and a multitude of rooks swarmed, or wild birds soared, in his wake. His steed sprang and spun. The coals issuing from Badinokhue’s mouth set the sides of his path on fire… When he first joined the Narts in their white wine festival (санэхуафэ; sanexwafe) at the great palace of the Alij clan (cf. the Circassians’ reference to the Greeks as ‘Alijxer’), he was received very warmly and he partook in the dancing and merry-making. It was the Nart matron Satanay, in her infinite wisdom, who made the arrangements for the awe-inspiring hero to join Nart society so smoothly.
Source: Amjad Jaimoukha
Бэдынокъуэ и пшыналъэ
Бэдынокъуэ и пшыналъэ Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу,
Хьэрхуэрэгъу зи бащэ.
И зы пкъыгъуэр пкъыгъуищэ,
Хьэгъу-хуэгъу бэщI,
Ябгэ щIыхьэху,
Хьэхуншэ шу.
Шур зыпамыщI,
ЛIыр зыпамыщIыж,
Шумэ я мыщIэгъу.
И зекIуэныр къыщохьэ,
Иш уанэ трелъхьэ,
Шы ныбэпхыр щIекъузэ,
ЗэщIекъузэри ношэс.
НощIопщауэри ныдокI,
ЛIыхъур ныдошэсык!.
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ.
И шы пцIэгъуэплъ псыгъуэм
Зыхеч, зыхесэ,
ЯпэкIэ лыгъей мафIэр зыдедз,
И ужьым къуалэбзур щохуарзэ,
Шы гущIыIум шэтыр щеухуэ
Хьэ самыр кIагуитIыр
И бгъуитIым щоджэгу,
И бгъэ гъэсагъитIыр
ДэмэпкъитIым щохуарзэ,
Ар макIуэри мэлъей,
ТэнкIэ кърогъуазэ,
Мэджэрэз и закъуэ,
ПщIэгъуалэ щамылъахъэу
Шы лъэхъар щамутIыпщым,
ЩIалэ зэрахь гъуэгуу
Бий зекIуапIэм къыщекIухь.
ТэнкIэ къырогъуазэ,
ПсыжькIэ (Кубань) къокIуэкIыж,
ГъуазэкIэ кърыдокI,
Псыжьу икIыгъуэншэр
Шы джэбэпс хуэмыхъуу
ЛIыхъур зэпрокI.
Нарт IэхъупIэми нытохьэ,
Гъуэгущхьибл щызэхэкIым
Нартхэ я Iэхъуэм щыIуощIэ.
– Бохъу апщий,
Iэхъуэ цIыкIу нэщIэпкIэ!
– Тхьэм уигъэпсэу, щауэфI!
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Зи щхьэ дымылъагъуу
Зи гугъум дигъалIэ!
Iэхъуэ пщыIэм неблагъэ,
Си шыгъупIастэр къэсщIэнщ,
Ди жэмыбгъэ пшэрыр
Уи хьэщIэ нышщ.
Ди шкIэжь гъэрыхъур
Уи Iэнэ шыпсщ,
Санэху кIадэр пхузэтесчынщ,
Хугу матэ щэщIым сыпхухэIэбэнщ,
Къырылъ-гурылъ бганэ
Уи шым пэрыслъхьэнщ.
– Уи хугу матэ щэщIыр
Хьэлэлу ушхыж,
Уи жэмыбгъэ пшэрми
И хъер улъагъуж,
Уи санэху кIадэми
Хьэлэлу уифэж,
Къырылъ-гурылъ бганэр
Уи Iэщ яушхыж.
Бэхъу-бэщI
Тхьэм уищI.
Нарт хъыбар сыгъащIэ!
Гъуэгу сытебгъэувэмэ,
Гъуэгу срикIуэнщ.
– Нарт хъыбар сэ сщIэн?
Махуэ псом сыIэхъуэщ,
Жэщым сыхьэдэ хъурейщ.
– Нарт хъыбар умыщIэу
Гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым
Щхьэ уIэхъуэу утет?
ЖеIэри и шы пцIэгъуэплъым зреч,
Шы гущIыIум щыджэгуу ножьэж.
Нарт ди Бэдынокъуэ
Зы теуэгъуэ ныщикIум,
Iэхъуэжь цIыкIур гупсысэщ,
Псалъэ гуэри къищIэжщ.
– Хьэхьей, Нартхэ ди Бэдынокъуэ!
– Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Бэлэрыгъ зекIуэкIэ.
Уи шыфэ-лIыфэр сфIэдахэщ,
Уи къэкIухьыкIэри си жагъуэщ.
Фыз хъыбарщ жумыIэмэ,
Зэхэсхари бжесIэнщ.
Алыджхэ я унэм и лъагъуэр
Гъуэгу нэшэкъашэщ,
Унэ хужь лъэбышэщ,
Унэ шэщI и кIыхьагъщ.
Унэ плIэ Iупэхущ,
Унэ небэ-къебэщ,
ЩIэсэн бэуэ щIэтщ,
Зы щIэсэну щIэтыр
Вийм къызэралъэфщ,
Апхуэдизи и куэбжэпэ Iулъыжщ,
Шы бгъэлыбэми къос.
Псэлъыхъухэм яутауэ
Зы псыпцIи иIэщ.
Уи шыр хэмыкIыфмэ,
УукIытэжынщ.
Зы гуащэ исщи
Бажэ зекIуэкIэщ,
Унэ жыхафэгур
И тхьэмахуакIуэщ,
Псэлъыхъуу иIэм
ПщIантIэр яутэ,
Сэтэней и ефэщ,
Гъуэгу щхьэIум тесщ,
Къан хъыджэбзи и бащэщ.
Санэхубжьэ я кIадэщ,
Вы ехъуаи я нышщ,
Гъэлъэхъу пшэри я шыпсщ.
Къэсым абы щызэфIадзэ.
Нартыжьхэри щызэхэсщ.
Нэсрэн ЖьакIи къыщысщ,
Сосрыкъуи щIэсыххэщ.
Пщащэ дахи я къэфакIуэщ,
Уэ джэгуэгъуи пхуащIынщ.
Абы ущеблагъэмэ,
Нартыжьхэр ицызоуэр,
Хуарэгъуэ гейми щытесщ,
Джатэ кIэщIхэри я бгырыдзэнщ,
Лей къуахынщ, си щIалэ! –
Iэхъуэжь цIыкIум щыжиIэм,
Бэдынокъуэ къэгубжьщ,
Дакъэжь мафIэу зэщIэнэщ.
– Нартхэ я Iэхъуэ жьэхъу,
Нартхэ я жэмыхъуэжь!
Зы псыпцIэ сыIущIэмэ,
Си хуарэр хэмыкIыфыну,
Зы щауэ сыIущIэмэ,
СыкъыхигъэщIэну.
Зы гуащэ сыIущIэмэ,
СыукIытэжыну,
Щхьэ уэ къызжепIэххэ!
СыефакIуэ-ешхакIуэкъым,
СылэгъунакIуэ щауэкъым,
Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
Ем срилъыхъуакIуэщ,
ФIым сриIэщакIуэщ.
ТхьэIухудми сыдихьэхынкъым,
Нартыжьхэми зыри къызащIэфынкъым,–
ЖеIэ Бэдынокъуэми
И шыщхьэр къеIуантIэ,
Домбеяфэ щIопщыр
Шы джабэм къыщегъаджэ,
И щIопщыджэ макъыр
Къуэ кIуэцIиблым щоIу,
Лэу чыцIхэр къыхегъэщI.
Лэу чыцДу къыхигъэщIыр
Хьэ самырхэм яIэщIэкIым,
Бгъэ гъэсахэм яубыд,
Бгъэ гъэсахэм яIэщIэкIым,
ПцIэгъуэплъ псыгъуэм къеубыдыж.
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
И шым гъуэзу къыхихыр
Жьауэм хуэдэу щхьэщытщ,
И шабзэшэр уэгум щохуарзэ,
Иш пэбзийм кърихум
Гъуэгу напщIэр елыгъуэ.
Сэтэней и къуажэм
ЛIыхъу и гупэ хуегъазэ,
Сэтэней и пщащэр
Мывэ унэжьу,
Жыгеижь лъэгуу
Нартыжь джэгупIэм
КъыщIэкIауэ къелъагъу.
БэдакъитIи иIыгът
Сэтэней и пщащэм,
Псыхьэ кIуэнуи къежьат.
Шу къакIуэр щилъагъум,
Пщащэми игъазэщ,
Сэтэиейми жриIэщ:
– Уей, Сэтэней гуащэ,
Гуащэу щыIэм я лей!
Гуащэм я мыфэгъу,
Джэшыр зи гушыIэгъу,
Дыгъэнэбзийр зи нэгу,
Дыщэр зи куэщ.I,
Тэджым я Мэзытхьэ,
Гуащэ къатинэ,
Бэрэтинагъуэ,
Дэнагъуэ Iупэ,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэ!
Уэри умылъэгъуауэ,
Сэри сымылъэгъуауэ,
Мыбы зы бэлыхь къэсащ.
Мы къэса шум хуэдэ
Ди хэку щыIэуи слъэгъуакъым.
Сэтэней гуащэу дыщэр зи куэщIым
Дыщэр зэхишэу ар щызэхихым,
Сэтэнейри къыхэщIщ,
Дыщэр и Iэпыщэщщ:
– Уэри умылъэгъуауэ,
Сэрни сымылъэгъуауэ
Нартхэ имыс шу
Дэнэ къыщулъагъу?
Сыти и шыфэ щIыкIэ?
ЩIэкIи къыкълъыплъ.
Пщащэр шыфэ-лIыфэм къеплъри
Дилъэгъуари жриIэщ:
– Ей, Сэтэней гуащэ!
Джэшыр зи гушыIэгъу,
Абы и лIыIу-лIыфэмрэ
Абы и шыфэ щIыкIэмрэ
Сытым жызигъэIэн,
Сытым сигъэIуэтэн?
И пэкIэ пшагъуэбэщ,
И ужькIэ къуанщIэбэщ,
Шы гущIыIум шэтыр щеухуэ.
МаскIэу къыIурихым
Гъуэгу напщIитIыр елыгъуэ,
Хьэ самыр и бгъуитIым
Щыджэгуу мэзежэ.
Бгъэ гъэсагъитIыр
IэщIым щохуарзэ,
И шабзэ бзащхьэ
Мэзышхуэ хуэдэщ.
И дамэ ижьым
Дыгъэр къыщопс,
Дамэ сэмэгум
Уэсыр къыщос,
И уэмэрэбзабгъуэ
КIыпкъым къыщохъуэпскI,
Жыру и маисэр
КъокI, йохьэж,
И шым уанэу телъыр
Дыщэ хъэрэхъищэщ (тхыпхъэщIыпхъэщ),
И шхуэмылакIитIыр
Дыжьын зэрылэщ,
ЛIыхъум зилыгъуэжуи
Уанэгум исщ.
Къуалэхэр къеукI,
МаскIэр къыIурех,
Дыгъэри и щхьэщыгущ,
И щхьэри уэгум етащ.
Зэуэм щымыбзэщхъущ,
И фащэхэр дыгъэм полыд,
Зэпэлыдыжхэр и шыпхэ телъщ,
Апхуэдэ шу Нарт Хэкум имыс,
Мы Уащхъуэу ди къан.
Шур къыхуэмыщIэу
Пщащэм къыщиIуатэм:
– Ар сыту гу их,
Уэри умылъэгъуауэ,
Сэ слъэгъуами ящымыщу,
Нобэ ар дэнэ къикIт? –
ЖеIэри Сэтэней,
Дыщэр Iэпощэщ,
Сауру пхъэ вакъитIым къоувэ,
Бажэм хуэдэу зыкъегъазэ,
Ужьэм хуэдэу кърокIуэ,
Щхьэгъубжэшхуэми къокIуалIэ.
Щхьэгъубжэшхуэр къызэIуехри
Сэтэней гуащэ шу къакIуэм йоплъ:
– Ар нарт Бэдынокъуэщ,
Нартхэ ди лIы икъугъэщ,
Зи щхьэр дымылъагъуу
Зи гугъум дигъалIэрщ.
Шы пэщхъын гъуэзщ,
И ужькIэ къуанщIэбэр
Шы лъэгу вабдзэ ятIэщ,
Шу гущIыIу шэтырщ,
Нарт бжыщхьэ дыкъуакъуэщ,
Мыкъутэр и бжыкIщ,
МаскIэу къыIурихыр
И шы пэбзий гъуэзщ,
УкIэлъыплъым щIыкIафIэщ,
Нартыжьхэми ящыщщ.
Нарт Бэдын и къуэщ,
Чынтри и ныкъуэкъуэгъущ,
Чынт зауэми къокIыж.
ДэнэкIи щыгъуазэщ,
ПсыжькIи щыгъуазэкIейщ,
А лIыхъуу шыщхьэмыгъазэр
Деплъынщ къытхудэхьэхым.
Си дахагъым къысхуемыплъу
Ар блэкIыфми лIыгъэ иIэщ.
Си гъуджэ мажьэхэр
ЩIэхыу къэгъэIэгъуэ,
Си нэзкIапэ, нэжьгъуцхэр
ЩIэхыу къыщIэжьыкI,–
ЖреIэ Сэтэней и пщащэм.
Мывэху унэжьу,
Жыгеижь лъэгуу,
Нартыжь джэгупIэм
Самыр бжыкIыу Сэтэнейми зыщегъэпс,
Сэху-сэплъи йоуэж,
ЩхъуэкIэплъыкIэуи зехуапэ,
Щхьэгъубжэшхуэми къотIысылIэ:
– Къегъэблагъэ ар щIэхыу!
Пщащэр къыщIокIри гъуэгупэм къытоувэ,
Нарт Бэдынокъуи къэсащ,
Щыхубзым нэмыс къыхуещI,
Хуэм зищIауэ щыблэкIым,
Пщащэми къыжеIэ:
– Уий, нарт Бэдынокъуэ!
Нарту лIы икъугъэ!
Нарт бжыщхьэ дыкъуакъуэ,
ЛIыхъуми я лIыхъуж,
Мыдэ зэ къэгъазэт!
Пщащэр ныкIэлъыджэу,
Нарт лIыхъум къыщигъазэм,
И фIэхъуси кърех.
Мыр Алыджхэ я унэщ,
Санэхубжьи я кIадэщ,
Вы ехъуари я нышщ,
Гъэлъэхъу пшэри я Iусщ,
Пщащэ дахи я бащэщ,
Еблагъэ, щауэфI,–
КъыжриIащ а пщащэм.
УнэкIафIи ирехъу,
Санэхуу фи кIадэми
Нартхэр ирефэж,
Вы ехъуауэ фи нышыр
ФIыкIэ фыушхыж,
Пщащэ дахэу фи бащэр
Нарт Iэпэгъуи ирехъу,
Нарт джэгуэгъууи къренэ?
Сыгъунэгъу щIэсэлIкъым,
СыешхакIуэ-ефакIуэкъым,
СылэгъунакIуэ щауэкъым,
Сыхьэхугъуэ бэщIкъым,
Сыябгэ щIыхьэхущ,
Сыхьэхуншэ шущ,
Сыщхьэхуит щауэщ,
Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
Ем срилъыхъуакIуэщ,
ФIым сриIэщакIуэщ!
– Нарт щауэгъу ухуеймэ,
Къанж и къуэр къыпхуэтшэнщ!
– Къанж и къуэм сыхуейкъым,
Нэрыбгейм и къуэ закъуэр ирепсэу!
– Къанж и къуэм ухуэмейм,
Нарт Пэныкъуэ къыпхуэтшэнщ!
– Нарт Пэныкъуи сыхуейкъым,
Хъуагъэ-щагъэ и бащэщ,–
ЖиIэу Бэдынокъуэ къыщимыгъазэм,
Сэтэней гуащэм
Дыжьын папыщыр зыпелъхьэ,
И лъэуей кIэщIым къуоувэ,
Дыщэ джэдыгур
И плIэ къредзэ,
И дыщэ башыр
Iэдакъэм щIэлъу,
ХуэлъапэкIуащэу,
Бажэ хуэдэ зигъазэу,
Ужьэ хуэдэу щэбакIуэу,
Сэтэней гуащэр къыпожьэ:
– Еблагъэ, еблагъэ, Бэдынокъуэ!
– Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу,
Зи щхьэ дымылъагъуу
Зи гугъум дигъалIэ!
Сосрыкъуэ имысми,
Шу шэс нарт сыпащI,
Сэ фызми сапумыщI.
Уэ зумусыгъуэджэу
Алыджхэ я унэ къеблагъэ!
Ди выгъуэ бжьэпэплъыр
Уи хьэщIэнышщ,
Ди гъэлъэхъу пшэрыр
Уи пшапэ Iусщ,
Ди санэху кIадэр
КъыдокIуей, йохыж,
И щхьэр пхутетчынщ.
ЗэгъуэкI пхуэтщIынщ,
Ущыдгъэщхьэукъуэнщ,
Зыщодгъэгъэпсэхунщ.
– СыешхакIуэ-ефакIуэкъым,
СылэгъунакIуэ щауэкъым,
Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
Ем срилъыхъуакIуэщ,
ФIым сриIэщакIуэщ.
Уи выгъуэ бжьэпэплъым
Ахын и хъун ирехъу,
Уи гъэлъэхъу пшэрри
ФIыкIэ фыушхыж,
Уи санэху кIадэри
ХъуэхъукIэ зэтууч,
Уи уардэ лэгъунэри
Лъабжьэ быдэ ухъу! –
ЖиIэу щыхуемыблагъэм,
Сэтэнейуэ гуащэм
И щхьэ лъащIэ фIегъэху,
И жьэгъухуми Iуегъаплъэ.
Абы щыхуемыплъкIэ,
КърегъэкIуэтэхри
Бгъафэм ныIуегъаплъэ.
Ари щымыхъуххэм,
Шур къыдихьэхыну
ЗитIэщIыни къыщIедзэ.
И джанэкIэр фIегъэху,
И щIыфэхум Iуегъаплъэ.
Ари Бэдынокъуэм
ХъымпIари щымыхъу;
Еблэгъэн щимыдэм,
Сэтэней къопсалъэ:
– Уэ укъемыблагъэкIи
Сэ хьэщIэншэ сыхъункъым,
Сэ си фади къинэжынкъым!
Нарт щауэгъу ухуеймэ,
Нарт хъыбар бжесIэнщ:
КъуажэкIэмкIэ ех,
Нарт Санэхуафэщ,
Ар зыщефэ унэр
Унэ хужь бгъунжышхуэщ,
Унэ бгъунж лъэбышэщ,
Нэсрэн ЖьакIэ я тхьэмадэщ,
Сосрыкъуи я пщафIэщ,
Санэхуафэр абы щащI.
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Сэтэнейми ныхуемыблагъэ.
Зегъазэ, зреч,
Зэ пкIэм, зэ малъэ,
Зэ лъэмэ, плъагъужыркъым.
ЛIыхъур мэгубжь,
Санэхуафэм неунэтI,
КъуажэкIэмкIэ иреунэтIэх.
ЩIалэ цIыкIухэри къыIуощIэ:
– Мыр сыту шу мафIэ,
Мыр сыту шу маскIэ! –
ЖаIэу цIыкIухэр мэкIий.
Нартхэ я Санэхуафэщ,
Нартхэ я ефэ-ешхэщ,
Нартыбэри щызоуэ,
Зэш зэхуефэри зэхуащI.
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
ЩIопщэуэгъуэр къищIым
Санэ ефэм Iурегъэж,
Щытыр къыщIегъэж,
Щысыр къыщегъэлъэт.
А шу мафIэм и даущ
Сосрыкъуэм къыщищIэм,
Мывэ шэнтым къолъых,
Бжаблэми къыдолъ,
Бэдынокъуэми ныIуоплъэ,
Зэрилъагъууи къецIыху.
– Уий, нартыжь гуп,
Фи тетыгъуэр кIыхь ухъуи,
Хъуэхъу фи куэду фыпсэуи!
Мы шу къакIуэр фымыцIыху?
Ар фымыцIыхумэ,
Нарт Бэдынокъуэщ,
Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъурщ,
Чынт зауэм къокIыж,
Езыр щхьэкIуэ мышэчщ.
Ар щхьэкIуэу дэкIыжмэ,
Нарт лIыгъэм къекIункъым,–
Сосрыкъуэм щыжиIэм,
Нартхэ псори зэдэухэу
Сосрыкъуэм дохасэ:
– Дауэ тщIыну атIэ?
– Ар ди анэм къыщыфIэкIакIэ,
Зы Iэмал етщIэнщ.
Сосрыкъуэм нодаIуэ,
Санэхубжьи кърагъахъуэ,
Нартхэр пыIэщхьэрыхыу,
Псори лъаIуэу къыпожьэ:
– Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
– Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу
Хьэгъу-хуэгъу бэщI,
Ябгэ щIыхьэху,
Хьэхуншэ шу,
Шур зыпамыщIыж,
Зи шыужьэ емыкъуж,
Мы нартыбжьэм къытхуефэт!
Санэхубжьэри кърат,
Санэхубжьэри къреф.
Нартыжь зэшиблым
ЩIакIуибл къыщIахри
Хузэпаубгъури
ЩIылъэм нэмысу
ХьэщIэщым щIашэ.
Бэдынокъуэ йоблагъэ,
Санэхуафэм нахохьэ,
Санэхубжьи къреф.
Къэфэн Бэдынокъуэм тралъхьэ.
Iэнэ нэзым долъей,
Iэнэри имыгъэсысу,
Шыпсри иримыкIуту,
Iэнэ нэзыр къефыхь.
Къэфэныр арыххэу
Сосрыкъуэ тралъхьэ.
Ари Iэнэм долъей,
Iэнэри мысысу,
Шыпсри иримыкIуту,
Шыпс IупщIакIэр къефыхь.
Къэфэныр арыххэу
Батэрэзи тралъхьэ.
Iэнэр имыгъэсысу,
Шыпсри иримыкIуту,
Iэнэ нэзыр къефыхь.
Батэрэзи щелъэжым
«Щыблэ къытхэуащ»,– жаIэри
ЩIыбым дэтхэм
Елеишхуэр (елейкIэ еджэу тхьэм уэрэд хужаIэу щытащ адыгэхэм) къадз.
Сосрыкъуэ мэгубжь,
Санэхубжьэр иреф,
Джатэпэр ныхетIэ,
Джатэ тIыгум нырожэ,
Джатэ Iэпщэм щыхетIэ.
Бэдынокъуэ губжьагъэххэт,
Джатэ Iэпщэр ныхетIэ,
Джатэдзэм нырожэ,
Джатэ дзапэм щыхетIэ.
Нартхэ ди Бэдынокъуэ,
Нартхэ ди лIы икъугъэ,
Гъуазэу нартхэ къахонэ.